ЕПАРХИЕМ СУРЭТ ТЕХЫНЫМКIЭ ЗЭПЕУЭР ЩРАГЪЭЖЬАЩ

01.08.2025
Просмотры: 941

2025 гъэм шыщхьэуIум и 1-м щыщIэдзауэ фокIадэм и 30 пщIондэ епархием иригъэкIуэкIынущ «Фотолетопись Благословенного Кавказа» сурэт техынымкIэ зи чэзу зэпеуэр. 2025 гъэм зэпеуэр траухуащ Хэкум и хъумакIуэм и илъэсымрэ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщахьрэ илъэс 80 зэрырикъумрэ.

КъэпщытакIуэхэм мы гъэм къагъэлъэгъуащ мы унэтIыныгъэхэр:

«Члисэ-сымаджэщ» (социальнэ къулыкъур къызэрыщ сурэтхэр: зауэлIхэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэным теухуа волонтёр дэIэпыкъуныгъэр, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я унагъуэхэмрэ ветеранхэмрэ хуащIэ дэIэпыкъуныгъэхэр, окопэм исхэм шэху уэздыгъэхэр зэрыхуащIыр, гуманитарнэ дэIэпыкъуныгъэхэр.

 «Мамырыгъэр зэфIэувэжын папщIэ Тхьэм долъэIу» (зауэлIхэм яхуэгъэза зэгъусэ тхьэлъэIухэр, хьэдэщIэлъхьэ тхьэлъэIухэр, фэеплъхэр, фэеплъ пхъэбгъухэр къыщыгъэлъэгъуэжа сурэтхэр);

 «ТекIуэныгъэм и щIэблэр» (ТекIуэныгъэ Иным теухуа зэхыхьэхэр, «Уахътыншэ полк», зауэлIхэм я унагъуэхэр, ветеранхэр члисэхэм е зэхыхьэхэм щыIэу къызэрыщ усрэтхэр).

Лэжьыгъэхэр фокIадэм и 30 пщIондэ и кIэм нагъэсынущ. Жэпуэгъуэм и 5-м лэжьыгъэ нэхъыфIхэм я выставкэ къызэIуахынущ. ТекIуахэр жэпуэгъуэм и 12-м ягъэлъэпIэнущ. УнэтIыныгъэ къэс текIуахэр ягъэпэжэнущ икIи Кърымым и щIыпIэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну ягъэкIуэнущ.

Сурэттеххэм я зэпеуэм фыхэтыну фыдогъэблагъэ.

 

941