ЩОДЖЭНЫР КЪЫЩЫПСЭЛЪАЩ ВЫСТАВКЭР КЪЫЩЫЗЭIУАХЫМ

13.08.2025
Просмотры: 407

Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъур щагъэлъапIэм хыхьэу, Кисловодск и нарзаннэ галереем къыщызэIуахащ «Легенды конницы Победы» гъэлъэгъуэныгъэр.

Абы хагъэхьа сурэтхэм къыщыгъэлъэгъуащ къэрэшей лъэпкъым и лIыхъужьхэр, фашизмым пэщIэтахэр, партизан, кавалер дивизэм я гупхэм яхэтахэр.

Выставкэм къыщыпсэлъащ Никольскэ соборым и щоджэн нэхъыжь Чеканов Димитрий. Щоджэным къыхигъэщащ цIыхум и дежкIэ нэхъыщхьэр – Тхьэмрэ гъунэгъухэмрэ яхуиIэ лъагъуныгъэрщ. А лъагъуныгъэм зыр зым и деж дыщоджэр, гъунэгъур щытыкIэ гугъу щихуам деж дыщыдэIэпыкъукIэ, гузэвэгъуэр щыдэдгъэпсынщIэкIэ, дыщыдэгуфIэкIэ, махуэшхуэр щыдэдгъэлъапIэкIэ. А лъагъуныгъэм дыщоджэ Хэкум папщIэ зи псэ зытахэм я дежи, я щIэблэр мамыру псэун папщIэ.

407