ЩОДЖЭН НЭХЪЫЖЬ СТЕНЯЕВ ОЛЕГ НЭЩIЫМ И МЫХЬЭНЭМ ТЕУХУА УЗЭЩIЫНЫГЪЭ ПСАЛЪЭ ЖИIАЩ

18.08.2025
Просмотры: 371

2025 гъэм шыщхьэуIум и 17-м, махуэ щэ ныкъуэм къыкIэлъыкIуэ тхьэмахуэ 10-м, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Пятигорск къалэм и Спасскэ кафедральнэ соборым. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ соборым и щоджэнхэмрэ «Радость Слова» выставкэ-зэхуэсым и хьэщIэ щоджэн нэхъыжь Стеняев Олегрэ. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. Олег Успенскэ нэщIым и мыхьэнэм теухуа узэщIыныгъэм къытеувыIащ. А махуэ дыдэм соборым щIашыжащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча, ТекIуэныгъэ къэзыхьа щихъ Георгий и къарум щыщ Iыхьэхэр.

371
Фотогалерея