2025 гъэм шыщхьэуIум и 19-м, Тхьэм и Преображения махуэшхуэм, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ къулъшырыфым и гъэмахуэ члисэм.
Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ щоджэнхэмрэ щоджэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къулъшырыфым Тхьэ елъэIуну кIуахэр.
Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи гъавэр игъэнэхуащ.