ЩОДЖЭНЫМ И КЪУЭШХЭР КЪЫХУРИДЖАЩ ШЫIЭ ЗЫХАГЪЭЛЪЫНУ

21.08.2025
Просмотры: 799

2025 гъэм шыщхьэуIум и 20-м ЕссэнтIыгу къалэм и Пантелеимоновскэ члисэм щекIуэкIащ ЕссэнтIыгу члисэ округым и щоджэнхэм гуэныхьхэр щаIуэтэж къулыкъур.

Благочинием и щоджэн нэхъыжь Дмитриенкэ Сергий ягу къигъэкIыжащ гуэныхьыншэ цIыху зэрыщымыIэр икIи щоджэнхэр къыхуриджащ шыIэ зыхагъэлъыну.

Гуэныхьхэр яIуэтэжа нэужь зэхуэс зэхэтащ. Абы щытепсэлъыхьащ благочинием и екIуэлIапIэхэм я гъащIэр зыхуэдэм.

799