ПРЕОБРАЖЕНИЕ МАХУЭШХУЭР ТХЬЭМАХУЭ ЛИТУРГИЕ НЭУЖЬЫМ ИРАГЪЭКIУЭКIАЩ

25.08.2025
Просмотры: 655

2025 гъэм шыщхьэуIум и 24-м, махуэ щэ ныкъуэм къыкIэлъыкIуэ тхьэмахуэ 11-м, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Пятигорск къалэм и Спасскэ кафедральнэ соборым. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ соборым и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къыщыхьахэм къеджа нэужь, Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ, литургие нэужьым Преображение махуэшхуэр игъэлъэпIащ.

 

655
Фотогалерея