ТХЫДЭ СОБОРЫМ И КУПОЛХЭМ ПАПЩIЭ ЖОРЫЩIЭХЭР ЯГЪЭНЭХУАЩ

27.08.2025
Просмотры: 800

2025 гъэм шыщхьэуIум и 26-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт игъэнэхуащ Пятигорск къалэм и Михайловскэ тхыдэ соборым и куполым и жорхэр.

Илъэс 35-рэ ипэкIэ, 1990 гъэм, вертолёткIэ члисэм щагъэуващ жорхэр зытет куполхэр. Ахэр щIэх дыдэу жьы хъуащ. МазитI ипэкIэ къэпщытэныгъэм къигъэлъэгъуат ахэр хъуэжын зэрыхуейр. Архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ Ставрополь щрагъэщIащ жорыщIэхэр.

Щоджэн нэхъыщхьэм и гъусэу тхьэлъэIум щызэухэсащ Пятигорск и члисэ зыбжанэм я щоджэнхэм соборым и унафэщI щоджэн нэхъыжь Дубинский Борисрэ соборым екIуалIэхэмрэ.

 «Епархиер къызэрагъэщIэрэщIэжрэ илъэс 15 щрикъум ирихьэлIэу члисэр зэрызэрагъэпэщыжыр фIыщI. Ди фIэщ мэхъу жорыр ягъэнэхуа нэужь, Тхьэр къызэрыддэIэпыкъунур, дэтхэнэ зы мыхъумыщIагъэми дызэрыпхыкIынур, - жиIащ Пастыр нэхъыщхьэм.

Щихънагъым фIыщIэ хуищIащ унафэщIымрэ соборым и псапащIэхэмрэ, 2025 гъэм члисэр къызэрагъэщIэрэщIэжыр, зэрызэрагъэпэщыжыр къыхигъэщри.

 

 

800
Фотогалерея