КЪЕГЪЭЛАКIУЭМ И МЫIЭРЫЩI ТЕПЛЪЭР ЯГУ КЪЫЩАГЪЭКIЫЖАЩ АРХЫЗ ИЩХЪЭРЭМ

30.08.2025
Просмотры: 626

2025 гъэм шыщхьэуIум и 29-м, Одессэ ирахыу Константинополь щагъэIэпхъуэм, Христос и мыIэрыщI теплъэр, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ Архыз Ищхъэрэм КъегъэлакIуэм и МыIэрыщI члисэм.

Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием и щоджэнхэм административнэ секретариатым и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илиярэ Закубанскэ Михайло-Афонскэ пшахъуэщIым и унафэщI игумен Герасимрэ (Буняев) я пашэу, щоджэнхэм я гъусэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэухэмрэ Пензэ къалэм и члисэхэм къикIахэмрэ щоджэнхэм я гъусэу.

Литургие нэужьым Щихънагъым зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ икIи архиерей щIыхь тхылъыр иритащ члисэм и нэхъыжь Отман Тамарэрэ хорым и регент Мирзоев Емилианрэ.

626
Фотогалерея