2025 гъэм шыщхьэуIум и 30-м, ЕссэнтIыгу къалэр илъэс 200 зэрырикъур щагъэлъапIэм, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ. ЗыгъэпсэхупIэм щыпсэу, абы и хьэщIэ цIыху 500-м щIигъу къалэм и мэр Крутников Владимир и гъусэу тхьэлъэIум хыхьащ Пастыр нэхъыщхьэр, ЕссэнтIыгу члисэ округым и щоджэнхэр, къэзакъхэр. Зэгъусэ тхьэлъэIу нэужьым Щихънагъым къалэдэсхэм захуигъэзащ хъуэхъукIэ.