ЩIЭНЫГЪЭМ И МАХУЭМКIЭ СЫНЫВОХЪУЭХЪУ!

01.09.2025
Просмотры: 558

ПщIэ зыхуэсщI ныбжьыщIэхэ, адэ-анэхэ, егъэджакIуэхэ! ЩIэныгъэм и махуэм дэтхэнэ зыри мащIэу еджакIуэ дохъу. Сабийр е къуэрылъху-пхъурылъхур япэ уэзджынэм тшэми. Школым сабийхэм щыIущIэхэми, щIэныгъэ иратыну. А махуэр гуфIэгъуэкIэ, гугъэрэ хъуэпсапIэкIэ гъэнщIащ. Япэ классым кIуэхэм щIэ куэд къызэIуахыну, ныбжьэгъущIэхэр, иужькIэ гъащIэ гъуэгум щызыдэгъуэгурыкIуэнухэр яIэну. Школыр къэзыухэм къыфпэщылъ гъуэгуанэр пэжу къыхэфхыну, гъащIэ псом щефхьэкIыну зыфхузогъазэ. Къыхэфха гъуэгум ерыщу фрикIуэну. Адэ-анэхэм курыт еджапIэм фыщыщIэсар фигу къэвгъэкIыжыну, ахэр къызэрызэвнэкIам фриплъэжыну фыкъыхузоджэр. Школым нэхъри гъунэгъу фызэхуищIыну, сабийхэр фпэщIимыгъэкIуэтыну. Адэ-анэхэм шыIэрэ лъагъуныгъэрэ сабийхэмрэ щIэныгъэмрэ хувиIэну. Фи гъэсэнхэм я гум щIэныгъэмкIэ лъагъуныгъэ къыщыушыну, я егъэджакIуэхэр фIыуэ ялъагъуну, зыщамыгъэгъупщэну.

Дэтхэнэми фигу къэвгъэкIыж ЕгъэджакIуэ нэсу Тхьэр зэрыдбжыр, абы и еджакIуэу дызэрыщытыр. ЕгъэджакIуэм и теплъэр гугъуехьхэм дыпхыкIынымкIэ къытхуэщхьэпэну Тхьэм жиIэ! ЩIэныгъэм и махуэмкIэ сынывохъуэхъу!

Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт.

 

558