ЩОДЖЭНЫР ХЭТАЩ БАЛИГЪ МЫХЪУАХЭМ Я ХУИТЫНЫГЪЭР ХЪУМЭНЫМ

05.09.2025
Просмотры: 533

Мы махуэхэм Черкесск къалэм и мэрием щекIуэкIащ балигъ мыхъуахэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ зи чэзу муниципальнэ зэIущIэр. Абы щыхэплъащ сабийхэм я хуитыныгъэр къызэрызэпаудым теухуа Iуэхугъуэхэм.

ЕгъэджакIуэхэр, юристхэр, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, социальнэ IэщIагъэлIхэр набдзэгубдзаплъэу хэплъащ балигъ мыхъуа къалэдэсхэм я хуитыныгъэр хъума хъуным.

БалигъыпIэ имыувахэм я IуэхухэмкIэ комиссэм и лэжьыгъэм хэтащ Никольскэ соборым и щоджэн Иманов Алексей, Урыс Чристэн Члисэм сабийхэм я гъэсэныгъэм теухуа упщIэхэр и нэIэм щIэтщи.

 

533