СТАВРОПОЛЬ ЩЫТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ СТАВРОПОЛЬ МИТРОПОЛИЕМ И ЩИХЪХЭМ Я СОБОРЫР МЫГЪЭКIУЭДЫЖЫНЫМ

07.09.2025
Просмотры: 624

2025 гъэм фокIадэм и 5-м, щихъ Восторгов Иоанн и фэеплъым, Ставрополь духовнэ семинарием щекIуэкIащ Ставрополь митрополием и щихъхэм я Соборым и фэеплъыр мыгъэкIуэдыжыным, ар гъэлъэпIэным теухуауэ.

ЗэIущIэм и лэжьыгъэм хэтащ: комиссэм и унафэщI, Ставрополь митрополием и Архиерей советым и секретарь, Невинномысскэ округым и благочиннэ Моздор Иоанн; Ставрополь духовнэ семинарием и ректор, Ставрополь епархием къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и Комитетым и унафэщI, Тэрч къэзакъыдзэм и дзэ щоджэн, щоджэн нэхъыжь Самойленкэ Павел; Михайловскэ округым и благочиннэ, Ставрополь епархием и хъыбарегъащIэ къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Подоситников Игорь; Ставрополь епархием щихъхэр канон щIынымкIэ и комиссэм и унафэщI Шишкин Евгений; СтДС канцелярием и унафэщI щоджэн Подколзин Алексей; ЕссэнтIыгу члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ, Пятигорск епархием къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан; Пятигорск епархием щихъхэр канон щIынымкIэ и комиссэм и унафэщI иеромонах Елевферий (Казаков), Ставрополь митрополием и епархием и щоджэнхэр.

Лэжьыгъэм и пэ къихуэу зэхыхьэм хэтхэр Тхьэ елъэIуащ щихъ Восторгов Иоанн папщIэ. ЗэIущIэм щедэIуащ Ставрополь митрополием и щихъхэм я Соборым и фэеплъыр мыгъэкIуэдыжынымрэ абы пщIэ хуэщIынымрэ теухуауэ къыхалъхьа Iуэхугъэхэм, комиссэм хэтхэм къагъэлъэгъуащ Ставрополь митрополием и щихъхэм я Соборыр зэрагъэлъэпIэнум теухуа я Iуэху еплъыкIэхэр.

ЗэIущIэм хэтахэм ягъэхьэзыращ Архиерей советым щыхэплъэн папщIэ Ставрополь митрополием и Соборым и щихъхэм я тхьэнапэмрэ тхьэлъэIу тхыгъэхэмрэ. Зэхыхьэр и кIэм щынэсым ирагъэкIуэкIыну зэIущIэхэм къытеувыIащ.

***

2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м Урыс Чристэн Члисэм и Синод ЛъапIэм и унафэкIэ къащтащ Ставрополь митрополием и соборым и списокыр.

624
Фотогалерея