2025 гъэм фокIадэм и 6-м Къэрэшей-Шэрджэсым и махуэмрэ Черкесск къалэр илъэс 200 зэрырикъумрэ щагъэлъапIэм мывэ ягъэтIылъащ КъШР-м и зауэлIхэу дзэ Iуэху хэхам хэкIуэдахэм я фэеплъ щагъэувыну щIыпIэм.
Фэеплъыр щаухуэну щIыпIэм щекIуэкIа зэхыхьэр къызэIуахащ Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашидрэ дзэ Iуэху хэхам хэт Теувэжыкъуэ Беслъэн-Бэчрэ. ЗэIущIэм хэтащ Черкесск къалэм и мэр Баскаев Алексей, дзэ Iуэху хэхам хэтахэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ, КъШР-м и муфтий, Пятигорск епархием и Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александр.
«Ди жагъуэ зэрыхъущи, фашизмым и щхьэр ноби къиIэтащ, Урысейм и щхьэхуитыныгъэр тхъумэжын хуей мэхъу. Хэкум и хъумакIуэхэм я илъэсым, Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъур догъэлъапIэр. Мы щIыпIэм деж дзэ Iуэху хэхам щыхэкIуэдахэм я фэеплъ иджыблагъэ щыдгъэувынущ», - жиIащ Темрезов Рашид.
Республикэм и Iэтащхьэм къихьащ УФ-м и Президент Путин Владимир и псалъэхэр: «ЛIыхъужьу хэкIуэдащ ахэр къимыкIуэту. Абы я цIэр къэралым и тхыдэм къыхэнэнущ».
ХэкIуэдахэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ икIи Тхьэ яхуелъэIуащ. КъШР-м щIыхь зиIэ и артист Разин Артёмрэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжым и хорым хэтхэмрэ ягъэзэщIащ «Таких ребят, как в России, на свете нет» уэрэдыр.