ГИМНАЗИЕМ И ГЪЭСЭНХЭМ ХЬЭРШЫМ ТЕУХУА УПЩIЭХЭР ЯТАЩ

18.09.2025
Просмотры: 430

Кисловодск къалэм и Чристэн Свято-Никольскэ классическэ гимназием космонавтикэмкIэ Циолковскэм и цIэр зезыхьэ Урысей Академием и академик, СССР-м и къэрал саугъэтым и лауреат, техникэ щIэныгъэхэм я кандидат, ракетно-космическэ промышленностым и управленэм и ветеранхэм я советым и унафэщI Габелкэ Игорь.

Игорь пэщIэдзэ классхэм я еджакIуэхэм яхутепсэлъыхьащ япэ ракетэхэр Урысей Федерацэм «Восточный» кхъухьлъэтапIэр зэрыщаухуам, Интернетым и лэжьыгъэр зыухуэ спутникхэм я щытыкIэм. Зэхыхьэр щIэщыгъуэу екIуэкIащ. ЩIэныгъэлIым еджакIуэхэм упщIэхэр иратащ дыгъэм, хьэршым щыIэ кхъухьхэм, хьэршым щыIа псэущхьэхэм ятеухуауэ. ЗэIущIэр и кIэм щынэблагъэм, 4 классым щIэс Колесниковэ Пелагея хьэщIэм тыгъэ хуищIащ «Солнечная система» зыфIища и творческэ лэжьыгъэр.

Гимназием и 5-7 классым щIэсхэм Игорь яжриIащ ракетно-космическэ техникэр къыщапщытэм зэрыхэтам, спутникхэм я бжыгъэмрэ инагъымрэ къытеувыIащ.

НыбжьыщIэхэр еплъащ хьэршым, ракетэхэм, кхъухьхэм ятеухуа фильм.

Гимназием и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и къуэдзэ Синявская Татьянэ хьэщIэм фIыщIэ хуищIащ жиIэжа гъэщIэгъэунхэм папщIэ икIи къыхигъэщащ дяпэкIи зэIущIэну зэрыщыгугъыр.

 

430
Фотогалерея