2025 гъэм фокIадэм и 19-м, Архистратиг Михаил ягу къыщагъэкIыжым, Хонех щыIар, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Побегайловкэ къуажэм и Михайловскэ члисэм.
Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием и Минераловодскэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Копач Иоанн, Черкесск къалэм и Никольскэ соборым и унафэщI щоджэн нэхъыжь Кузнецов Сергий, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къуажэдэсхэмрэ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэмрэ.
Литургие нэужьым Щихънагъым игъэлъэпIащ члисэм и хъумакIуэр икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.