2025 гъэм фокIадэм и 20-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ КъШР-м и Эркен-Шахар къуажэм и Серафимовскэ члисэм.
Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александррэ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къуажэдэсхэмрэ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэмрэ.
Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи екIуэлIапIэм кIуэхэм епсэлъащ.