2025 гъэм фокIадэм и 20-м, Хъуромэ махуэшхуэм и пэ къихуэу, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Пятигорск къалэм и Спасскэ кафедральнэ соборым тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ соборым и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу тхьэлъэIум хэтащ къалэдэсхэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ.
ФокIадэм и 21-м, махуэшхуэм, архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ КъБР-м и Кременчуг-Константиновскэ къуажэм и Хъуромэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием Налшык щиIэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин, члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Овсянников Сергийрэ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ.
Литургие нэужьым Щихънагъым зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ, махуэшхуэр игъэлъэпIащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.