ЧЛИСЭ ЦIЫКIУР ЩАГЪЭНЭХУАЩ НОВОТЕРСКЭ КЪУАЖЭМ

23.09.2025
Просмотры: 594

2025 гъэм фокIадэм и 22-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт игъэнэхуащ Новотерскэ къуажэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Наталие и цIэр зезыхьэ члисэ цIыкIур. А махуэр Тхьэ елъэIуну къыщIыхахам щхьэусыгъуэ иIэщ. Члисэ цIыкIур щыIэщ псы къыщыщIагъэкI IуэхущIапIэм. Ар илъэс 30 и пэкIэ къызэIуихауэ щытащ Олещук Наталье. А махуэм заводым щагъэлъэпIащ и юбилейр икIи абы и цIэр фIащащ IуэхущIапIэр къызэIузыхам.

Мы зэманым IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр зэфIэзыхыр Наталье ипхъу Маринэщ. Щихънагъыр абы гуапэу епсэлъащ икIи заводым щыIащ, псыр иджыпсту къызэрыщIагъэкIым зыщигъэгъуэзэну.

594
Фотогалерея