ФокIадэм и 21-м члисэм щагъэлъапIэ Тхьэм и Анэм и Хъуромэр. А махуэ дыдэм ягъэлъапIэр Урысейм и къэралыгъуэм и махуэр, 1862 гъэм фокIадэм и 21-м Новгород Иным «Тысячелетие России» фэеплъыр къыщызэIуахащи.
А махуэм ирихьэлIэу Быкогоркэ къуажэм и курыт еджапIэ №16-м псэкупсэ дерс щекIуэкIащ. Абы щоджэн Тарнакин Андрейрэ щоджэн Пронь Алексейрэ махуэшхуэм и тхыдэм щытепсэлъыхьащ, Новгород Иным щаухуа фэеплъым, Тхьэм и Анэр Хэкум хуей щыхъукIэ къызэрыщхьэщыжыр щIыгъуу.
ЗэIущIэр и кIэм щынэблагъэм щоджэнхэм жэуап иратащ еджакIуэхэм я упщIэхэм.