2025 гъэм фокIадэм и 30-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Верэ, Надеждэ, Любовь, абыхэм я анэ Софие сымэ я цIэр зезыхьэ члисэм.
Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием и Кисловодск округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн, члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Иванилов Роман, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къэзакъхэр, станицэм щыпсэухэр, алыдж зэгухьэныгъэм щыщхэр, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр.
Литургие нэужьым Щихънагъым игъэлъэпIащ члисэр къэзыхъумэхэр икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.