Домбай щызэхуащIыжащ «Межкультурный диалог — 2025» щIалэгъуалэ зэхуэсыр, фокIадэм и 29-м щыщIэдзауэ жэпуэгъуэм и 2 пщIондэ екIуэкIар. Ар къызэрагъэпэщащ КъШР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмрэ печатымкIэ и министерствэм.
Зэпсэлъэн папщIэ зэхуэсащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъуэгухэм я щIалэгъуалэр. Ар я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ зэхъуэжэнымкIэ, щэнхабзэм зыхагъэгъуэзэнымкIэ, щIалэгъуалэр зыгъэгузавэхэм тепсэлъыхьынымкIэ щхьэпэт.
ЗэIущIэм хэтхэр хэплъэнущ Хэку лагъуныгъэм, зэкъуэтыныгъэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм, дзэ Iуэху хэхам хэтахэр я щапхъэу, тхыдэм и пэжыр зыгъэутхъуэну хэтхэм зэрыпэщIэтым, ксенофобиер IэщIыб зэращIым, экстремизмым, терроризмым зэрызыщахъумэнум. Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэм теухуа акъылыфIагъэ квизи екIуэкIынущ.
Лэжьыгъэхэм хыхьэу хэплъэнущ жылагъуэм зым и дзыхь адрейм иригъэзын, зэдэлэжьэн зэрыхуейр.
Зэхуэсым и лэжьыгъэм хэтащ Пятигорск епархием и Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений.
Благочиннэм зэхуэсахэм фIэхъускIэ захуигъэзащ икIи я упщIэхэм жэуап иритащ.