КУПОЛЫР ФIАДЗАЩ СТАРОПАВЛОВСКЭ СТАНИЦЭМ И ЧЛИСЭМ

04.10.2025
Просмотры: 532

2025 гъэм жэпуэгъуэм и 3-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт игъэнэхуащ Старопавловскэ станицэм и Никольскэ члисэ яухуэм и куполыр. Пастыр нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием Новопавловск округым щиIэ щоджэнхэм благочиннэ щоджэн Гордин Александр я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ Кировскэ къалэ округым и Iэтащхьэ Новопашин Николай, станицэм щыпсэухэр.

Куполыр игъэнэхуа нэужь, Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм хъуэхъукIэ захуигъэзащ: «Ар ебгъапщэ хъунущ куэд щIауэ зыпэплъэ ухуэныгъэм мафIэ зэрыпагъэнам, гъуэгу захуэр зыгъэнэхум. Старопавловскэ станицэм, нобэ, абы щыпсэухэмрэ станицэм и хьэщIэхэмрэ папщIэ члисэм жорыр щыфIадзащ. А жорыр къегъэлыныгъэм и нэху хъунущ», - Пастыр нэхъыщхьэм и псалъэхэр къалэ округым и телеграм-напэкIуэцIым щыжеIэ. 

Ягъэнэхуа куполыр занщIэу члисэм фIадзащ. Ухуэныгъэр и кIэм намыгъэс щIыкIэ иджыри куполитху фIадзэнущ.

532
Фотогалерея