«ДЫГЪАФIЭ КЪАЛЭМ» ИГЪЭЛЪЭПIАЩ И ИЛЪЭСИПЩIЫР

05.10.2025
Просмотры: 662

2025 гъэм жэпуэгъуэм и 4-м зи узыншагъэм къимыхь сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я «ДыгъафIэ къалэ» центрым игъэлъэпIащ и илъэсипщIыр. Зэхыхьэр ирагъэжьащ тхьэлъэIу литургиекIэ, ЕссэнтIыгу къалэм и Скорбященскэ члисэм Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт иригъэкIуэкIамкIэ.

Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием ЕссэнтIыгу округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефанрэ къардэн Фещенкэ Иоаннрэ я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ центрым и нэIэм щIэтхэм я адэ-анэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ я гъусэу. Литургие нэужьым Щихънагъым махуэшхуэр игъэлъэпIащ, фIыщIэ тхылъхэр яритащ члисэм и псапащIэхэм икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

Махуэшхуэм пащащ архиепископ Феофилакт сабийхэмрэ я адэ-анэхэмрэ епсалъэу. Щихънагъым фIыщIэ хуищIащ центрым и щоджэн нэхъыжь Стацюк Алексий, «Дыгъафэ къалэм» и унафэщI Земцевэ Екатеринэ, центрым и егъэджакIуэхэмрэ волонтёрхэмрэ. Пастыр нэхъыщхьэр зэIущIэм хэтхэм я гъусэу тепсэлъыхьащ Пятигорск епархием «ДыгъафIэ къалэ» центрым и проектхэр пхагъэкIын папщIэ ахъшэкIэ зэрыдэIэпыкъунум.

 

 

662
Фотогалерея