Жьы хъуахэм я дунейпсо махуэм Тхьэм и Анэм и Хъуромэ члисэм и унафэщI щоджэн Семилетов Илия щыIащ Бекешевскэ станицэм Жьы хъуахэм я унэм. Щоджэныр я махуэшхуэмрэ станицэм и махуэмкIэ ехъуэхъуащ унэм щыпсэухэм.
Мы махуэшхуэм папщIэ Тхьэмахуэ школым и еджакIуэхэм концерт ятащ. Къэзакъ, урыс цIыхубэ уэрэдхэмрэ къафэхэмрэ ягъэзэщIащ, усэхэм къеджащ. Тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм хъуэхъу открыткэхэр ягуэшащ, езыхэм ягъэхьэзырыжри.
Жьы хъуахэм я махуэм щихъхэу Верэ, Надеждэ, Любовь, абыхэм я анэ Софие и цIэр зезыхьэ члисэ Сувовровскэ станицэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Иванилов Роман махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ станицэм жьы хъуахэм я унэм щыIэхэм. Щоджэныр абыхэм ехъуэхъуащ гуфIэгъуэ, узыншагъэ яIэну, IэфIыкIэхэр яритащ.