ЗЭПСЭЛЪЭНЫГЪЭР ЧЛИСЭМ ТРАУХУАЩ

08.10.2025
Просмотры: 233

ЕссэнтIыгу благочинием и щIалэгъуалэ къудамэм и проектым щыщ Iыхьэщ Кавказ Ищхъэрэм и финанс-энергетикэ техникумым и студентхэм ЕссэнтIыгу къалэм и Никольскэ члисэм и клирик къардэн Шевченкэ Иоанн зэраIущIар.

Зэхыхьэм хэтхэр унагъуэм тепсэлъыхьащ чристэн фIэщхъуныгъэм тету. ЗэIущIэм къыщытеувыIащ нэчыхьым, адэ-анэм, сабийхэм я мыхьэнэм, унагъуэм щIэс дэтхэн зы цIыхуими Тхьэм и деж щаIэ жэуаплыныгъэм.

Щоджэным гу лъаригъэтащ унагъуэр Члисэ цIыкIуу зэрыщытым, дэтхэнэри Тхьэм епсэлъэным зэрыхуеджэм.

Студентхэр жыджэру зэIущIэм хэтащ, упщIэхэр ятащ, я еплъыкIэхэри къагъэлъэгъуащ.

233